Содержание и структура тестовых материалов
Уникальный идентификатор НТЗ: ID = 233476289
Наименование НТЗ: Родной язык (кабардинский язык)
Расположение НТЗ: T:\родной язык (кабардинский язык).ast
Авторский коллектив НТЗ: Бозиева Н Б , Езаова М Ю , Макоева Д Х , Хашхожева З Т , Хежева Л Х
Дата создания НТЗ: 20.02.2008
Дата конвертации НТЗ: 05.03.2008
СОДЕРЖАНИЕ И СТРУКТУРА ТЕСТОВЫХ МАТЕРИАЛОВ
Тематическая структура
СОДЕРЖАНИЕ ТЕСТОВЫХ МАТЕРИАЛОВ Адыгэ фащэр Раздел | Подраздел | Тема |
Адыгэ фащэр | ||
Адыгэ шхыныгъуэхэр | ||
Адыгэхэм хьэщIэм ехьэлIауэ яIэ хабзэхэр | ||
Нэхъыжьым хуащI пщIэр | ||
Псалъэухам щагъэув нэгъыщэхэр | ||
Нарт эпосыр | ||
Адыгэ джэгукIэхэр | ||
Адыгэ псалъэжьхэр нэгъэсыжын | ||
Героические песни и предания | ||
Псалъэр къызэрыхъу аффиксхэм я тхыкIэр | ||
Паремиология и фразеология | ||
Псалъэ гъэкIэщIахэм я тхыкIэр | ||
ПсынщIэрыпсалъэхэр, къебжэкIхэр, нэщэнэхэр лексикэм (деловой, официальнэ документхэр) | ||
Адыгэ бзылъхугъэ щэджащэхэр | ||
Зауэм ехьэлIа лексикэр адыгэбзэм | ||
Адыгэхэм я тхыдэр | ||
Адыгэбзэм и лъапсэгъу бзэхэр | ||
Адыгэбзэм и диалектхэмрэ говорхэмрэ | ||
Адыгэбзэм и алфавитыр, абы и тхыдэр, макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ | ||
Лексикэ. Синоним, амоним, антонимхэр | ||
Жьы хъуа псалъэхэмрэ псалъэщIэхэмрэ | ||
Жаргонизмхэр, полисимиер | ||
НэгъуэщIыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьа псалъэхэмрэ адыгэбзэм езым еиж лексикэмрэ | ||
Стилистикэ | ||
Адыгэхэм я фIэхъусхэр, абыхэм я мыхьэнэр | ||
Лъэпкъым и календарь |
1. Задание {{ 1 }} ТЗ 1 Тема 1-0-0
адыгэ ц1ыхухъум и фащэм щыщщ:
£ пы1э щимэр, гъуэншэдж быхъур, цыджанэ пщэщ1этыр
R пы1э хъурейр, бащлъыкъыр, хьэзырыр, цейр, къэпталыр, гъуэншэдж лъапэ зэвыр
£ джанэмрэ гъуэншэджымрэ
£ спортивнэ формэр
2. Задание {{ 2 }} ТЗ 2 Тема 1-0-0
щ1ак1уэр къагъэсэбэпырт:
R уэс-уэшххэм и деж, щ1ы1эм деж зэтраупхъуэу,губгъуэм нэху къыщек1ын хуей хъуамэ, теп1эну
£ хуабэ дыдэм щызыхъумэ щыгъыныгъуэу, пщы1э иращ1у
£ губгъуэм шхэну щепсыхк1э 1энэ папщ1эу
£ зык1и къагъэсэбэпыртэкъым
3. Задание {{ 3 }} ТЗ 3 Тема 1-0-0
зек1уэ ежьэ адыгэл1ым хьэзыру пкъырылът:
£ т1у
R йы
£ пщ1ы
£ т1ощ1
4. Задание {{ 4 }} ТЗ 4 Тема 1-0-0
гынышэхэм нэмыщ1 хьэзырхэм ярылът:
£ щ1акхъуэ гъэгъуа, лы гъэжьа
£ мастэ-1уданэ, удз хущхъуэ, 1эф1ык1э
R удз хущхъуэ, лы гъэгъуа, щтаучрэ щтамылрэ, лъэгупс, мастэ-1уданэ
£ 1эф1ык1э, лы гъэжьа, щ1акхъуэ
5. Задание {{ 5 }} ТЗ 5 Тема 1-0-0
шууит1 гъуэгум щызэблэк1мэ сэлам зэрахырт:
R «гъуэгужь, апщий!»
£ «бов,апщий!»
£ «уи махуэ ф1ыуэ!»
£ «гъуэгу махуэ!»
6. Задание {{ 6 }} ТЗ 6 Тема 1-0-0
ц1ыхубзым и пы1эм и лъагагъым къигэлъагъуэрт:
£ унагъуэ исрэ имысрэ
£ бын и1эрэ имы1эрэ
R къызыхэк1а сословиер
£ зыдэс къуажэр
7. Задание {{ 7 }} ТЗ 7 Тема 1-0-0
ц1ыхухъум и къамэр зэк1эрихырт:
R дыуэщ1 щыдыхьэк1э
£ тхьэлъэ1у щык1уэк1э
£ шхэну щыт1ыск1э
£ щыгъуэлъыжк1э
8. Задание {{ 8 }} ТЗ 8 Тема 1-0-0
адыгэл1ым и пы1эр щхьэрихырт:
£ щышхэк1э
£ щежьэк1э
£ къыщыфэк1э
R зэи ц1ыхум щахэтк1э щхьэрихыртэкъым
9. Задание {{ 9 }} ТЗ 9 Тема 1-0-0
нысащ1э унэ ирашэм и щхьэм къраупхъуэх:
£ шэк1 1ув гуэр
R шылэхъар
£ щ1ак1уэ
10. Задание {{ 10 }} ТЗ 10 Тема 1-0-0
урысыбзэм къик1а щы1эц1эм и к1эухыр «а»-уэ щытмэ, ятх:
R «э»
£ «а»
£ к1эухыр похур
£ «ы»
11. Задание {{ 11 }} ТЗ 11 Тема 1-0-0
зэрызэхуагъазэ псалъэр псалъэухам ику итмэ:
R лъэныкъуит1мк1и запятойк1э къыхагъэщхьэхук1
£ зык1и къыхэгъщхьэхук1а хъукъым
£ псалъэм иужь запятой ягъэув
£ тирек1э лъэныкъуит1ри къыхагъэщхьэхук1
12. Задание {{ 12 }} ТЗ 12 Тема 1-0-0
зэрызэхуагъазэ псалъэр псалъухам и пэм итмэ:
£ зыри ягъэув хабзэкъым
R запятойк1э къыхагъэк1
£ и ужьым тире ягъэув
13. Задание {{ 13 }} ТЗ 13 Тема 1-0-0
зэрызэхуагъазэ псалъэр псалъухам и к1эм итмэ:
R и пэм запятой ягъэув
£ ипэм тире ягэув
£ и пэм точкит1 ягъэув
£ зык1и къыхагъэщхьэхук1къым
14. Задание {{ 14 }} ТЗ 14 Тема 1-0-0
вводнэ псалъэхэр, вводнэ элемент дэтхэнэри псалъэухам дэнэ деж щытми:
£ къыхагъэщ хабзэкъым
R запятойк1э къыхагъэщхьэхук1
£ тире лъэныкъуит1ымк1и ягъув
£ точкит1к1э къыхагъщхьэхук1
15. Задание {{ 15 }} ТЗ 15 Тема 1-0-0
«маитэ»-ар:
£ адыгэ унэгуащэм ипщэф1 шхыныгъуэщ
£ къэбэрдейм ф1эк1 зыщ1ып1и къыщымык1 хадэхэк1щ
R дыжьыным тращ1ыхь тхыпхъэщ
£ щыгъыныгъуэщ
16. Задание {{ 16 }} ТЗ 16 Тема 1-0-0
«тэджэлейр»- ар:
£ феска
£ нагрудник
£ шапка
R безрукавка
17. Задание {{ 17 }} ТЗ 17 Тема 1-0-0
«щ1ы1убгырыпхк1э» йоджэ:
R дыжьыным къыхэщ1ык1ауэ ц1ыхубзым и фащэм ищхьэм къытралъхьэ
£ къэпталым ипщэм деж ирадэрщ
£ пы1эм ирадэ псы къыпылэл ц1ык1ущ
£ хьэзырыр зык1ырадэ щ1ып1эрщ
18. Задание {{ 18 }} ТЗ 18 Тема 1-0-0
псалъэ занщ1эр тхыгъэм деж :
R кавычкэм дагъэувэ хабзэщ
£ тирек1э лъэныкъуит1ымк1и къыхагъэщ
£ псалъэуха щхьэхуэу ятх
19. Задание {{ 19 }} ТЗ 19 Тема 1-0-0
псалъэ занщ1эр авторым и псалъэхэм ипэ итмэ:
£ кавычкэм дагъэувэ хабзэкъым
R запятой ягъэув, кавычкэр зэхуащ1ыж, тире ягъэув
£ сыт щыгъуи токэ и к1эм ягъэув
£ авторым и псалъэ патхэкъым
20. Задание {{ 20 }} ТЗ 20 Тема 1-0-0
пслъэухам сыт щыгъуи кыхагъэщхьэхук1:
R зэрызэхуагъазэ псалъэр
£ подлежащэмрэ сказуемэмрэ
£ деепричастиер
£ деепричастнэ оборотыр
21. Задание {{ 21 }} ТЗ 21 Тема 1-0-0
псалъэжьыр и к1эм нэгъэс: «Зи бзэ 1эф1 щынэ …»:
£ ф1ыуэ ялъагъу
£ псом нэхърэ нэхъ дахэщ
R мэлибгъум щ1оф
£ делэщ
22. Задание {{ 22 }} ТЗ 22 Тема 1-0-0
псалъэжьыр и к1эм нэгъэс: «Уи теп1эн еплъи …»:
R уи лъэ укъуэдий
£ зэхъуэк1
£ щ1э къэщэху
£ нэгъуэщ1хэм тепсэлъыхь
23. Задание {{ 23 }} ТЗ 23 Тема 1-0-0
псалъэжьыр и к1эм нэгъэс: «Гупыр зыгъэгуп …»:
£ щ1егъуэжыркъым
£ ф1ы хуозэр
R гуп и уасэщ
£ пщ1э хуэфащэщ
24. Задание {{ 24 }} ТЗ 24 Тема 1-0-0
псалъэжьыр и к1эм нэгъэс: «Гупсыси псалъэ, …»:
R зыплъыхьи т1ыс
£ жып1эми ухущ1емыгъуэж
£ зэплъэк1ыури щыс
£ сыт жып1эми
25. Задание {{ 25 }} ТЗ 25 Тема 1-0-0
псалъэжьыр и к1эм нэгъэс: «Сэламыр …»:
£ псоми ялейщ
£ 1эмалыншэкъым
R псом нэхъапэщ
£ 1уэху п1ащ1эгъуэщ
26. Задание {{ 26 }} ТЗ 26 Тема 1-0-0
псалъэухам сыт щыгъуи къыхагъэщхьэхук1:
R вводнэ псалъэхэмрэ вводнэ конструкцэхэмрэ
£ щы1эц1эр
£ определенэ зэлъэпкъэгъухэр
£ апхэуэдэ щы1экъым
27. Задание {{ 27 }} ТЗ 27 Тема 1-0-0
Нэгумэ Шорэ зэхилъхьащ адыгэбзэм и алфавит:
R хьэрып графикэми урыс графикэми тету
£ латин графикэм тету
£ латин графикэми урыс графикэми тету
£ зыри зэхилъхьакъым
28. Задание {{ 28 }} ТЗ 28 Тема 1-0-0
иджыпсту адыгэбзэр зытет алфавитыр зэхигъэуващ:
£ Нэгумэ Шорэ
R Борыкъуей Т1ут1э
£ Берсей Умар
£ Н Ф Яковлевым
29. Задание {{ 29 }} ТЗ 29 Тема 1-0-0
Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэщ:
R «Филологические труды»
£ «Адыгэбзэм и тхыдэр»
£ «Нартхэр»
£ «Бгырысхэр»
30. Задание {{ 30 }} ТЗ 30 Тема 1-0-0
Хъан-Джэрий Сулът1ан и тхыгъэ нэхъ ин дыдэщ:
£ «Бгырысхэр»
£ «Нартхэр»
£ «Адыгэ псалъэжьхэр»
R «Черкесские предания»
31. Задание {{ 31 }} ТЗ 31 Тема 1-0-0
Урыс Хьэтэлий хэлъхьэныгъэ ин хуищ1ащ:
R филологие щ1эныгъэхэм
£ математикэм
£ физикэм
£ химием
32. Задание {{ 32 }} ТЗ 32 Тема 1-0-0
Нало Ахьмэдхъан и къару ирихьэл1ащ:
£ юриспруденцием
£ физикэм
R адыгэ литературэм
£ физикэм
33. Задание {{ 33 }} ТЗ 33 Тема 1-0-0
Маф1эдз Сэрэбий и лэжьыгъэщ:
R «Адыгэ хабзэ»
£ «Щэнгъасэ»
£ «Щихухэр иджыри мэк1»
£ «Бгырысхэр»
34. Задание {{ 34 }} ТЗ 34 Тема 1-0-0
Къардэнгъущ1 Зрамыку и 1эдакъэщ1эк1щ:
£ «Адыгэ грамматикэ»
£ «Япэ лъэбакъуэ зычахэр
R «Адыгэ псалъэжьхэр»
35. Задание {{ 35 }} ТЗ 35 Тема 1-0-0
«1уащхьэмахуэ» журналым и редактор нэхъыщхьэщ:
£ Хьэх Сэфэрбий
£ Хьэф1ыц1э Мухьэмэд
R 1ут1ыж Борис
£ Думэн Мурадин
36. Задание {{ 36 }} ТЗ 36 Тема 1-0-0
ефэ-ешхэ 1энэм щыбгъэдыхьэк1э, сэлам ирах:
R «Гуп махуэ, апщий!»
£ «Бохъу, апщий!»
£ «Фи жэщ ф1ы ухъу!»
£ «Уи пщэдджыжь ф1ыуэ!»
37. Задание {{ 37 }} ТЗ 37 Тема 1-0-0
хьэщ1эр унэм щ1эсу ущ1ыхьэжмэ:
£ «Щхьэ укъэк1уа?»
R «Ф1эхъус, апщий!»
£ «Щ1эх ук1эжыну?»
38. Задание {{ 38 }} ТЗ 38 Тема 1-0-0
куэдрэ сымэджауэ хъужам жра1э:
R «Лъапэ махуэ къыухьэжьэж!»
£ «Узыншэ Тхьэм уищ1ыж!»
£ «Уи 1уэху дахэ ухъу!»
£ «Ф1эхъус, апщий!»
39. Задание {{ 39 }} ТЗ 39 Тема 1-0-0
сэлам къозыха нэхъыжьым же1эпхъэщ:
R «Упсэу! Жьыщхьэ махуэ ухъу!»
£ «Упсэу! Насыпыф1э ухъу!»
£ «Упсэу! Щ1алэф1 нат1э ухъу!
£ «Ф1ык1э дызэхузэ!»
40. Задание {{ 40 }} ТЗ 40 Тема 1-0-0
Нало Заур итхащ:
R «Ц1ыху напэ»
£ «Мадинэ»
£ «Бгырысхэр»
£ «Щихухэр иджыри мэк1»